- техыжын
- (трехыж) перех. гл. 1. снова убрать что-л. откуда-л. , с поверхности чего-л./ Зытелъым темылъыж щIын (теплъхьар) е икIэм - икIэжым техын. Iэнэр техыжын. Шым уанэр техыжын.2. отобрать обратно кого-что-л. у кого-л./ ЗалымыгъэкIэ Iыхыжын.* Псэбыдэ. . зэзэмызэ къарэ-къуэлэн хэкIуапцIэхэм яхуэзэрт, ауэ. . иныжьхэр къэсырти кърихужьа шыбэр трахыжырт. Нарт. Щхьэлтетым {Хъуэжэ} хьэжыгъэр трихыжри къиутIыпщыжащ. Хъу. и таур.3. переносное освободить кого-л. от чего-л./ Зыгуэрым зыгуэр щхьэщыхын, и Iуэху хэмылъыж щIын.Къалэныр техыжын. Тезырыр техыжын.Напэр техыжын см. напэ.
Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.